Къетыкъуэ тӏуащӏэ зауэр лIыгъэ тIуащIэт… 1779 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м нобэрей Лафыщхьэблэ (Псыхъурей) и Iэхэлъахэхэм деж Мазибл зауэр щиухауэ щытащ. Мэлыжьыхьуэ ирагъажьэу жэпуэгъуэ хъуху зэуа адыгэр щIэзэуар и щIыгущ, и напэщ, и лъэпкъщ. Зызыгъэпсэхуну тIыса къэбэрдей шуудзэм пщэдджыжьыпэу и шыбэр пахущ, урысым топкIэ къагъэувыхьри, гъэру зыкъэфт жари хуаIуэхуащ. АрщхьэкIэ затакъым! Топым къелар, мыжурэпэмрэ шылъабжьэмрэ ихьыжащ. 1779 гъэт, жэпуэгъуэм ипщӏт. Нэхулъэр щызэкӏэщӏитхъым, ди къэкӏуэнри зэкӏэщӏэтхъа хъуат. Балъкъ псыхъуэ и ӏэплӏэм хьэдэ изт… Псыхъуэ гуащи щӏалэ щхьэмахуэхэр игъеижт…Шыщхьэмыгъазэхэр адыгэ и бынт, напэхужьт… уанэгу итIысхьэмэ, лIыгъэм хуэшэст, хэкуми хабзэми я гъуазэт, хабзэрэ зауэкIэ гъэпсат(псыхьат). ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщ. Псэемыблэжу ди хэкур зыхъумахэм я хьэдырыхэ фIы ухъу, дэри, зэрыжылэу, Тхьэм тщимыгъэгъупщэ!
30