ФIэхъус. Тхьэмахуэ кIуам "Лъыхъу" жыхуиIэ прэектым дыфхутепсэлъыхьат… — Djarez Club — TG.ME

ФIэхъус. Тхьэмахуэ кIуам "Лъыхъу" жыхуиIэ прэектым дыфхутепсэлъыхьат. КъэфщIэжмэ, жылэ псор къыхэлажьэу, щIыхьэхуу адыгэбзэм хэт псалъу хъуар зэхуэхьэсыжыным иужь дихьэну дыхуейщ.
Прэектым фыкъыхэлэжьэну гукъыдэж фиIэмэ, фыкъатхэ.
Япэрауэ, псалъэ, псалъафэ гъэщIэгъуэн фырихьэлIэху, зэхэфхыху фыкъытхуэтхэмэ, аращ нэхъ дызэрыфщыгугъыр. Дэ ахэр зэхуэтхьэсурэ дгъэтIылъынущ.
Псалъэ зэхуэхьэсыр нэхъ екIуу къытхуегъэкIуэкIын щхьэкIэ зы сайт дымыгъэпсу хъунукъым. Ар тхуэзыщIыфын щыIэмэ, куэду фIы хъунт.
Мыдрейуэ, прэектым теухуа нэгъуэщI фи Iуэхухэри вдэдгъэпсынщIэмэ ди гуапэщ, жызыIэ щыIэмэ, ари лъэщу щхьэпэн тщыхъунущ.

#Джэрэз
#Djarez
#Лъыхъу
❤5👍2🔥2👏1
July 24, 2026 1.1K 9